Щоджэнц. Iык. Iу Iэсхьэд и къуэ Алий 1900 -1941
Усак. Iуэр къыщалъхуа къуажэр, унэр. Алий и пэшыр Щоджэнц. Iык. Iу Алий Iэсхьэд и къуэр жэпуэгъуэм и 28 -м 1900 гъэм Кушмэзыкъуей къуажэм (иужьк. Iэ Старэ Крепость, иджы Бахъсэн къалэ) къыщалъхуащ.
Щоджэнц. Iык. Iу Алий щеджапэхэмрэ , щылъжьа Iэнат. Iэхэр. Бахъсэн дэта муслъымэн еджап. Iэм, Дагъыстэным, Кърымым, Тыркум щеджащ. Газет лэжьак. Iуэу, егъэджак. Iуэу, Бахъсэн районым и инспектор методисту щытащ, Къэбэрдей Балъкъэрым и Тхак. Iуэхэм я союзым и правленэм щылэжьащ.
Ø Щоджэнц. Iык. Iу Алий и тхыгъэхэм къэбэрдей литературэм пхужымы. Iэну зыужьыныгъэшхуэ иратащ, лъагап. Iэщ. Iэхэм ар хуашащ. Абы и къалэмыпэм къыщ. Iэк. Iахэр ди ц. Iыхухэм я гум, я псэм къыдохьэ, яхузэрымыгъэгъуэту ядж, ф. Iым, пэжыгъэм, захуагъэм ахэр къыхураджэ, хуагъасэ, усак. Iуэм зэригъэпэща образ хьэлэмэтыщэ уахътыншэхэр къуэш пэж, ныбжьэгъу нэс ящ. Iауэ сыт щыгъуи я гъусэщ. Усак. Iуэ гъуэзэджэм и ц. Iэр зымыщ. Iэ, ф. Iыуэ зымылъагъу, и тхыгъэхэм щымыгъуазэ ди ц. Iыхухэм зыри яхэткъым. Ар щыхьэт тохъуэ Щоджэнц. Iык. Iум и тхыгъэхэм мыл. Iэжыныпсэ зэра. Iутым, ц. Iыхухэм я лъагъуныгъэр абыхэм къызэрахьам.
Ø Къэбэрдей литературэм 20 -нэ гъэхэм нэхъыбэу щылэжьар усак. Iуэ нэхъыжьхэрщ, лъэпкъ Iуэры. Iуатэм и гъук. Iэгъэсэнхэрщ. А зэманырщ лъэпкъ усыгъэм псалъэщ. Iэ щыжызы. Iэ усак. Iуэ ныбжьыщ. Iэ Щоджэнц. Iык. Iури абы къыщыхыхьар. Алий и усэм къыгуэхып. Iэ имы. Iэу епхащ ди литературэм а илъэсхэм лъэбакъуэщ. Iэ ичари иужьк. Iэ зыужьыныгъэ зы. Iэригъэхьэри. Усак. Iуэм абы хуищ. Iа хэлъхьэныгъэр зыщылъагъупхъэри литературэм жанр куэдыр зэрыщызэригъэпэщыфарщ, псэук. Iэщ. Iэ зэф. Iэувэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щыуагъэншэу къызэрихутэфарщ, и лъэпкъ усыгъэм художественнэ гъэпсык. Iэ, ухуэк. Iэ я лъэныкъуэк. Iэ Iэмалыщ. Iэхэр къы- зэрыщызэ. Iуихыфарщ. Щоджэнц. Iык. Iу Алий и творчествэм зыщиужьар, ехъул. Iэныгъэ хьэлэмэтхэр абы щызы. Iэригъэхьар 30 -40 гъэхэрщ. А илъэсхэм ар егъэджак. Iуэуи, районым и инспектор-методистуи, еджап. Iэ щхьэхуэхэм я унафэщ. Iуи лэжьащ. Налшык къэ. Iэпхъуэу, Тхак. Iуэхэм я союзым и правленэм щылэжьэн щ. Iидза нэужьщ, Щоджэнц. Iык. Iум и къару псори хуиту ирихьэл. Iэн хузэф. Iэк. Iащ творческэ лэжьыгъэм, абы къыдэк. Iуэуи ар и зэман емыблэжу ядэ. Iэпыкъуащ усак. Iуэ нэхъыжьхэми нэхъыщ. Iэхэми, лъэпкъ Iуэры. Iуатэр зэхуихьэсащ, ахэр тхылъу къыдигъэк. Iащ, литературэмк. Iэ гупжьейхэр къызэригъэпэщащ, усэ зытх, сурэт зыщ. I еджак. Iуэхэм я олимпиадэ иригъэк. Iуэк. Iащ, урыс тхак. Iуэшхуэхэм я тхыгъэхэр зэридзэк. Iащ, абыхэм я махуэшхуэхэм жыджэру хэтащ.
Ø Щоджэнц. Iык. Iу Алий и гупсысэм и кууагъыр, и художественнэ Iэзагъыр, зэф. Iэк. I абрагъуэ зэрыбгъэдэлъыр, лъэпкъ тхыдэм, ц. Iыху гъащ. Iэм нэсу зэрыщы-гъуазэр къыщыгъэлъэгъуар абы и эпикэрщ. Къэбэрдей литературэм аращ лъабжьэ, тегъэщ. Iап. Iэ хуэхъуар, лъэпкъым и л. Iакъуэ зэк. Iэлъык. Iуэ зыкъомыр зыгъэсар, зыщ. Iап. Iык. Iар, анэдэлъхубзэм и зэф. Iэк. Iыр, къулеягъыр, дахагъэр зыхезыгъэщ. Iар, ар ф. Iыуэ езыгъэлъэгъуар, ди лъэхъэнэми лъэпкъ щэнхабзэм и дыщэ гъэт. Iылъыгъэу къанэр, псоми щапхъэ зытрахыу я. Iэр. 40 гъэхэм и ет. Iуанэ Iыхьэм ар хэлэжьыхьыжащ ик. Iи нэхъри иригъэф. Iэк. Iуащ и тхыгъэ нэхъыф. I дыдэхэу «Мадинэ» ,
«Къамботрэ Лацэрэ» , «Ныбжьыщ. Iэ хахуэ» , «Къызбрун» поэмэхэр, елэжьын щ. Iидзащ Дзэлыкъуэ восстанэм теухуа повестымрэ «Къызбрун» оперэм и либреттэмрэ. Зи тхыгъэхэмк. Iэ зэи мыарэзыж усак. Iуэр абыхэм иужьк. Iи увы. Iэгъуэ имы. Iэу елэжьыжащ, ахэр зэрыригъэф. Iэк. Iуэным зэпыч имы. Iэу яужь итащ. Абы и тхыгъэхэм щапхъэ зыт. Iущ зимы. Iэ щ. Iагъуэ яхэткъым, языныкъуэхэм ар илъэс зыбжанэк. Iэ ел. Iэл. Iащ. Нэхъыбэрэ зытелэжьа, гугъу зыздригъэхьахэм ящыщщ «Мадинэ» поэмэмрэ «Къызбрун» трагедиемрэ. Усак. Iуэм и тхыгъэ къэна т. Iэк. Iухэр щыхьэт зэрытехъуэмк. Iэ, иужьрей тхы гъэхэм и хэзыгъэгъуазэм абы щапхъэ 25 рэ хуитхауэ щытащ.
Ø 1939 гъэм Щоджэнц. Iык. Iу Алий къалэ советым и депутату хахащ, а гъэ дыдэм и щэк. Iуэгъуэм абы «Къэбэрдей. Балъкъэр АССР-м гъуазджэхэмк. Iэ щ. Iыхь зи. Iэ и лэжьак. Iуэ» ц. Iэ лъап. Iэр къыф. Iащащ, иужьы. Iуэк. Iэ кандидату коммунист партым хагъэхьащ. Зи лъэпкъ щэнхабзэм и зыужьыныгъэр зи нэ, зи псэ усак. Iуэм абы куэд хуилэжьащ. Аврамовымрэ абырэ зэдатхащ япэ къэбэрдей оперэ «Къызбруныр» , ахэр елэжьу щ. Iадзауэ щытащ нэгъуэщ. I музыкальнэ драмэми, КIыщокъуэ Алим щ. Iыгъуу абы къит. Iэщ. Iащ Пащ. Iэ Бэчмырзэ и «дыщэ пхъуантэр» . А усак. Iуэ гъуэзэджит. Iым зэгъусэу анэдэлъхубзэк. Iэ япэ дыдэу къыдагъэк. Iащ адыгэ нарт эпосыр, езым и закъуэ дунейм къытригъэхьащ усак. Iуэ нэхъыжьхэмрэ еджак. Iуэ ц. Iык. Iухэмрэ я тхылъхэр, къэбэрдей уэрэдхэр.
Лъэ быдэ Илъэс 41 рэ – аращ адыгэ лъэпкъ псом ди набдзэ Щоджэнц. Iык. Iу Алий зэрыпсэуар. Ауэ куэд къимыгъащ. Iэу куэд зылъэгъуа а ц. Iыху телъыджэм хузэф. Iэк. Iащ зэи щымы. Iа литературэм и лъабжьэр игъэт. Iылъын, абы зригъэужьын. Ардыдэмк. Iэ Щоджэнц. Iык. Iум зригъэу зэщащ лъэпкъ гупсысэм, I адыгэхэм я тхыдэм, я къек. Iуэк. Iы кам, я хабзэхэм, иджырей псэук. Iэм, I я хъуэ псапэхэм хуэгъэпса Iуэхухэр тхылъеджэхэм я деж нигъэсащ. I Езым ф. Iы дыдэу илъагъу лъэпкъым щ. Iэныгъэ егъэгъуэтыным, ар дунейпсо цивилизацэм лъэ быдэк. Iэ хэгъэувэным хуэ гъэ псауэ Кушмэзыкъуей щыщ мэкъу мэшыщэм и унагъуэм къыщалъхуа щ. Iалэ I щэджащэм зыф. Iигъэк. Iам и мыхьэнэр зыхуэдизыр нэсу къащыгу рыуэну зэманыр иджыри къэсауэ къыщ. Iэк. Iынукъым. I Нобэ Алий и Iэдакъэщ. Iэк. Iхэм щы гъуазэщ адыгэхэм я щэблэр. I Дунейм и щ. Iып. Iэ куэду ди лъэпкъэгъухэр щикъухьахэм къыщащтэ абы и тхылъхэр ик. Iи и усэхэм къыхах Iущыгъэ куу хэр. Щоджэнцык. Iу I Алий и ва гъуэр ди лъэпкъхэм куэдрэ яхуэблэнщ.
Ø Усак. Iуэм и дуней ехыжык. Iар Усак. Iуэр езыри дзэм хыхьащ. Ар фок. Iадэм и 3 -м ежьащ гъэгу тету, ауэ здэк. Iуэну къапэщыт щ. Iып. Iэм нэмысауэ, Iэщэ-фащи кърамытауэ нэмыцэ хьэк. Iэкхъуэк. Iэхэм гъэр ящ. Iащ, ик. Iи 1941 гъэм и к. Iэухым Бобруйск къалэм дэта нэмыцэ. Iуэм къэбэрдей усак. Iуэ гъуэзэджэр ик. Iуэдащ.
Ø Щоджэнц. Iык. Iу Алий и фэеплъ…
Алий и унагъуэр
Ø Щоджэнц. Iык. Iу Алий теухуауэ пычыгъуэ….
Ø Алий и гъыбзэ


